22.11.2018
Си адэм и фэеплъу
Сэ зэхэсхащ жа1эжу ц1ыхухэм,
Уи пл1эм шы дэлъу къэп1этауэ.
Хьэсэ зыравэу пхъэ1эщэшхуэр,
Губгъуэ хуит нэщ1ым къипхыжауэ.
Сэ зэхэсхащ,уи къару лъэщхэмк1э,
Мэршынэ къуэм къыдэпхыжауэ
Блэм хуэдэу,гъуэгум тегъуэлъхьа щихур,
Къытепхыу щ1ыр бгъэбэуэжауэ.
Сэ, жамы1эжуи слъэгъуащ,
Ц1ыху дапщэ,махуэм бгъэгуф1ами.
Упсэу, ц1ыху куэдым къыбжа1ащ,
Насып жыхуа1эр мис аращ.